Уэ жылэ махуэ хъун, ДАХ-р псэлъэну хуит ящIащи, къытхуэгъэувыӏэжыркъым

22780335_1110783855718528_6730920881195588366_n
Martin Kochesoko
06 июля 2018

Уэ жылэ махуэ хъун, ДАХ-р псэлъэну хуит ящIащи, къытхуэгъэувыӏэжыркъым
________________________________________

Дунейпсо Адыгэ Хасэр адыгэбзэм къыщхьэщыж хуэду “Кавказ-узел” сайтым къралъхьа тхыгъэм (http://www.kavkaz-uzel.eu/articles/322653/) дыпэджэжыну дыхуейт.

Адыгэм зы псалъэжь иIэщ “Уэшх блэкIам щIакIуэ кIэлъомыщтэж” жери. Мы бзэм и Iуэхур нэгъабэ бадзэуэгъуэ мазэ лъандэрэ гуащIэу къокIуэкI, законыщIэр къащтэну япу хъыбар зэрыIурэ и нэхъ мащIэу мазищ-мазиплI мэхъу. Законыр къащтакIэщ. ЕтIуанэ еджэгъуэм деж халъхьэну зэхъуэкIыныгъэхэм (дыгъуасэ зи гугъу тщIахэм) ди Iуэхур нэхъ Iей ямыщIым нэхъыфI зэрамыщIынур гурыIуэгъуэщ. Аращи, хъунур хъуа иужь сыт утыку уихьэжкIэ? Ауэ ДАХ-р иджыпстуи утыку ихьауэ дощIри, щхьэ абы иужьырейуэ Анкэрэ щригъэкIуэкIа испэлъкомым и программым хэмытарэ бзэм теухуа законым зэрытепсэлъыхьынур? Программым хэмыт Iуэхум хасэр дауэ тепсэлъыхьа зэрыхъуар? Хэкум икIыу зэхуэсым кӏуа гупым законыщIэм и гугъу ямыщIым нэхъ къащтэу ар программым хамыгъэхьа щхьэкIэ диаспорэм Iуэхур къыщаIэтым Iэмалыншэу тепсэлъыхьын хуей хъуауэ фэ идоплъ.

Мыдрейуэ, Сэхъурокъуэ Хьэутий бзэ проблемым теухуауэ ДАХ-р псэлъауэ, утыку ихьауэ жиIащ. ФIыдыдэщ. Арамэ, е тхыгъэу, е псалъэу, е аудиуэу, е видеуэу тхьэмадэм жиIар къыщIигъэбыдэу зыгуэр дывгъэлъагъу. ДяпэкIэ ди кIэзетхэм къытехуэну жыхуаӏэ тхыгъэр абы щыщкъым.

Республикэм и унафэщIри бзэ Iуэхум тегузэвыхьу щыжаIащ Анкэрэ. Тегузэвыхьмэ, иджыри къыздэсым щхьэ и жыӏэ зэхэдмыхарэ? Осетием я тхьэмадэ Битаров Вячеслав зымахуэ осетин щIалэгъуалэм хуэзэри мыр яжриIащ: “Урысейм хуейми сыт хуэдэ закон кърещтэ. Абы унафэ тетщIэжынщ, ди Республикэм и кIуэцIкIэ щызекIуэну законыщIэ къэтщэнщи, ди нанухэм я бзэр Iэмал имыIэу яджыну къидгъэкIынщ. ЕмыкIущ уосетину осетиныбзэ умыщIэныр”. ЛIы и псалъэкъэ? Адыгэ къулыкъущIэхэм щыщу утыку ихьэу екIурэ езэгъыу ди бзэ къыщхьэщыжар сенатэр Къанокъуэ Арсен и закъуэщ.

ЖыIэпхъэщ, бзэм къыщхьэщыжыныр, хъумэныр Кавказ псом япэу щаублар, утыку щрахьар Къэбэрдей ( 2017 гъэ, дыгъэгъазэ мазэ) университетыращ. Зыублар адыгэбзэмкӏэ кафедрэращ (кафедрэм и унафэщI Къардэн Мусадин). Фӏыщэ яхуэщӏыпхъэщ ректэрым нэмыщӏ прэректэрхэу Къумыкъу Ӏэуесрэ Къущхьэ Хъусенрэ.
Зэӏущӏэшхуэм кърихьэлIат жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лӏыкӏуэхэри… Къэбэрдей Адыгэ Хасэмрэ ДАХ-мрэ къыщнэмыщӏа.

ДАХ-м и испэлъкомыр екIуэкIын ипэ Налщыч иджыри зы зэхуэсышхуэ щыIащ бзэ Iуэхум теухуауэ. Къэбэрдейм адыгэбзэм тегузэвыхьу исыр щызэхуэсым хасэм и зы лIыкIуэ щхьэ къамыгъэкIуарэ, ямыгъэпсэлъарэ? Зэхуэсыр гуащIэу екIуэкIащ. Абы лъэщу “Газета Юга”, сайт зыбжанэ тепсэлъыхьыжащ.

ДАХ-м шыщхьэIум бзэм теухуауэ кэнферанс иригъэкIуэкIыну хъыбар игъэIуащ. ФIыдыдэщ. Ауэ программым доплъыри, бзэм лей къытырагъэхьэнкIэ иужь къызэрихьам тепсэлъыхьыну зы хьэрф иткъым. Бзэ ягъэкIуэдым зебгъэужьын ипэ къебгъэлын хуейкъэ?

ДАХ-р адыгэбзэм къыщхьэжыну хуейр пэжмэ, мы мазэм и 17 махуэм адыгэхэм я гуащIэ хэлъу зэхаша Урысей Федерацэм ис лъэпкъхэм я демократик зэгухьэныгъэ жыхуиIэм иригъэкIуэкIыну протестым щхьэщылъэф лъэпкъ хэмыту хырырелажьэ.

Мы ӏуэхур къызэрежьэрэ Тэтэрым я дунейпсо конгрессыр шыщхьэгуэрэну зэхытщ, я бзэм къыщхьэщож. ДАХ-м и лажьэкӏэр теупцӏэ-тецӏэлэжщ, пцӏырыпцӏурэ пцӏыӏуэпцӏышагъэщ. Сыт ищIэми, сыт илэжьми адыгэ хасэ дыдэр зэрызэбгырахурэ ДАХ-м адыгэм и зы ӏуэху дэлъ дихакъым, адыгэм и зы ӏуэху дэна дигъэкIакъым, хыхьэкӏэ-хэкӏыкӏэ, псалъэкӏэмыщӏэ защӏэу зэхэтщ. Хасэм хамыха щыхасэ хабзэкъым. Фэ фыхамых фымыхасэщ. Ауэ дощӏэр утыку фыкъизышари, фыкъызыхурашари, фыкъыщӏырашари, къытхуэфшэнури, дызыхуэфшэнури. Урысыбзэр ди анэдэлъхубзэу, урыс хэкур ди нэ ди псэу, дэ езым бзэи, хабзи, адыгагъи димыӏэжу, дыкъыздикӏри, дыздэщыIэри, дыздэкIуэри дымыщIэрэ зыдмыщӏэжыхэу, хамэбзэ къытӏурызылъхьахэм дражыӏэщӏэрэ драхьэӏухубжэхуэщӏыным дыхувоунэтӏ.

“Хабзэ” хасэ.

https://www.facebook.com/

Share Button